Урысейм и махуэм тедухуащ мэкъуауэгъуэм и 11-м къыдэкlа «Адыгэ псалъэ» газетыр!

Щхъуэкlэплъыкlэ дахэу зэхэт къыдэкlыгъуэм ди къэралым и лъэщагъыр, Хэкум и дахагъыр, абы щыпсэухэм я гуащlэр къэзыгъэлъагъуэ тхыгъэ куэд тетщ.

Мыбдеж фыкъыщеджэ хъунущ: https://rdtdm-kbr.ucoz.ru/23-24/11.pdf

 

Къэралым и лъэщагъымрэ Хэкум и IэфIагъымрэ щызэхыбощlэ Москва дэт ВДНХ-м щекIуэкI «Урысей» гъэлъэгъуэныгъэ-зэхыхьэ иным.

Къэралым къыщызэрагъэпэща, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхур уи нэкIэ зэбгъэлъагъуныр уасэншэщ. Урысейм и ехъулIэныгъэ псори ухуэныгъэ зэрызым щIэгуэшащ, ар зэбгъэлъагъуным махуэ зыбжанэ ихьынущ. Ауэ 75-нэ павильоным зы щэбэт-тхьэмахуэм укIуэмэ, УФ-м и хэгъэгу 89-м «ущыхьэщIэфынущ».

 

 

Абы и пэшитIым щагъэува утыкуи 132-м махуэ къэс цIыхуу щызэблэкIым я куэдагъыр пхужыIэнкъым. Пэжщ, нобэ ирихьэлIэу къызэрабжамкIэ, гъэлъэгъуэныгъэм еплъар цIыху мелуани 9-м щхьэдэхащ. Абыхэм сащыщщ сэри.

 

Сэ зэзгъэлъэгъуащ нобэ Урысейм и зыужьыныгъэр здынэсар, абы и хэгъэгухэм яIэ ехъулIэныгъэхэр, цIыхубэм я щыIэкIэ-псэукIэр. И щIыуэпскIи, хьэуакIи, хабзэкIи, псэукIэкIи зэмыщхь хэгъэгухэм гъэщIэгъуэн куэд щыболъагъу.

Нэщlэпыджэ Замирэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щlэныгъэ гуэдзэныр зэрыщекlуэкlыр Сабий, щIалэгъуалэ творчествэмкIэ уардэунэм и щапхъэмкIэ Москва дэсхэмрэ абы щыхьэщIэхэмрэ ирагъэлъэгъуащ.

Абы къытхутопсэлъыхь Налшык къалэ дэт Сабий, щIалэгъуалэ творчествэмкIэ уардэунэм и унафэщIым и къуэдзэ Хьэрэдурэ Лидие.